Quedzoque Tole Tsık’u (Single Version)
The song, despite its military theme, is not really about war. It serves more as a backdrop for a story about a tough life and the approach of death, with some bright moments sprinkled in.
The video was shot in Southern Dagestan in May 2023.
Video by Pavel Maklyarovsky.
Дунейшхуэри сыфIэмы инт
ЦIыху тетыр токIуэдыкI
ТенджызытIымы къыхих пшагъуэр
Ди унапIурэ губгъуэм дисщ
Си шы гъуабжурэ сызытесыр
Мэз пэщащэм щыщэщащ
Iэщэ-фащэу сэ скIэрылъхэр
Командирхэмэ скIэрахай
Си шы гъуабжурэ сызытесыр
Мы кумбыжь мыгъуэм изогъалъэр
Шури лъэсыри сэ къызэлъэу
Мы кумбыжь мыгъуэм сыкъыдэнай
Мы кумбыжь мыгъуу сызэрылъым
Самалютыр къысщхьэщытщ
Зи адэ-анэхэр къыщхьэщыту
Зи псэ хэкIым мыгъуэм тхьэр етай
Сэ си гъусэурэ уэр Хьэмид
ГъащIэр уиIэмэ укъэкIуэжынщ
УщыкIуэжкIэрэ дыдей дыхьи
Си кIуэдыкIэри схуажеIэж
Си шыпхъуфIурэ ФатIимэтым
Унэр дахэу къыриикIт
Мы кумбыжь мыгъуу сызэрылъыр
Лъы фIыцIэжькIэрэ къизикIа
Си шыпхъуфIурэ ФатIимэтым
Укъысхуэщыгъыуи умытIIыс
Пшынэ фIыцIэри уи Iэплъэм идзи
Гъыбзэ дахэм тIэкIу дежьу
Мы кумбыжь мыгъуу сызэрылъыр
Удэплъей уафэхъуэпскI
ДжанэзэпскIэрэ самыгъэпскIыу
Лъы фIыцIэжь мыгъуэм сигъэпскIай
Си гукъеуэри къэстхынут
Си Iэ ижь мыгъуэри спымытыж
Сытэджынурэ сыкIуэжынут
Си къуэ ижь мыгъуэр сгуэмытыж
Си шыпхъуфIурэ ФатIимэт
Си кIуэдыкIэри уигу игъэлъ
Ди къуажэ кхъэми сыщIэлъатэм
УблэкIыхукIэрэ уреплъэкIынт
Шэ шынакъыр къыщискIутым
Шэ къыптихуэ къызжепIай
Германышэри къыщыстехуэм
ЖьпIа псалъэри сигу къэкIай
Пщэдджыжьыпэм сы-псыкъэхь
Пщыхьэщхьэпэм сы –пхъэкъутэт
Шхэгъуэ хъууэ цIыху щытIыскIэ
Хужьэ дейкIэрэ срокIуэкIыж
ФIыуэ слъагъурэ Лодэ цIыкIу
УдэмыкIуэу ущымыс
ДэнкIэ укIуэми си алошыр
Си фэеплъурэ зыщIэгъэгъу
Уой рирай рирэ уой рирай
Уой рирай рирэ уой рира
Уой рирай рирэ уой рирай роу
Уэр Къуэдзэукъуэхэ ТIолэ цIыкIу
Уой рирай рирэ уой рирай
Уой рирай рирэ уой рира
Уой рирай рирэ рирэ уой рай
Уэр Къуэдзэукъуэхэ ТIолэ цIыкIу