Кулэрэ Мылэрэ [Хаждал Кунижев]

“Кулэрэ Мылэрэ“ в исполнении Хаждала Кунижева - народного артиста КБАССР. Кулэмрэ уо-уэу иуэ, уо-уо, Мылэмрэ Ежьу: Уо! Фызэшыпхъути, уэр, си Кулэ! Ежьу: Уо! Уэ фызэшыпхъуитl щхьэкlэрэ, Ежьу: Уо! А махуэм фызэижэгъути, Кулэ дахэ! Ежьу: Уо, уо! Кулэм уи лэгъунэр пхъэбгъущхьэт, си Кулэ, Къэдабэ щхьэнтэм а махуэм лъапэкlэ утетт, Кулэ дахэ! Щlыуэрэ узытетыр уогъэгыз, си Кулэ, Кулэм уи жьгъырухэр а махуэм лlы къашэт, Кулэ дахэ! Кулэм зыкъэбгъазэм умазэгъуэт, си Кулэ, Кулэм зыбгъэзэжым а махуэм умазэхэт, Кулэ дахэ! Зекlуэлlымрэ зекlуэшымрэ езэшмэ, си Кулэ, Кулэ уи уэрэд дахэм а махуэм къешэж, Кулэ дахэ! Зекlуэ пщlэгъуалэжьхэр зыщагъэпсыр Кулэ и дежщ, Зекlуэ къикlыж шухэр а махуэм зыщепсыхыр Кулэ и дежщ. Арыкъыжьым и бажэм хуэдэу ужьэгъухут, си Кулэ, Къумыхужьым и бжьом хуэдэу укlуэкlафlэт, Кулэ дахэ! Шэ тхъурымбэм и щlыгъэм хуэдэу ущабэт, си Кулэ, Пщы Адэлджэрийр а махуэм нэгийт, Кулэ дахэ! Мысырыжьым и екlэпцlэр пхъафэ фlыцlэт, си Кулэ, Пщыжь фlыцlэ ябгэр а махуэм тхьэщишэт, Кулэ дахэ! Сэ сигъэшэншауэ саlуатэ, си Кулэ, Сэ сызэраlуатэм сытемыткlэ, си тобэщ, Кулэ дахэ! Изучайте кабардинский язык с нами на ! Бесплатно. Background by
Back to Top