#43-3 (114-115 пычыгъуэхэр) Iэл-Гьэкъидэ ТIэхьауийе - Ди ФIэщхъуныгъэр

№43/3 Дерсыр: 114-115 пычыгъуэхэм я шэрхь. [114]-“ЦIыхухэм я лэжьыгъэр: Алыхьым къегъэщI, цIыхухэм ялэжь. ЯхузэфIэкIыным хуэдиз фIэкIаи я пщэ къыдилъхьакъым, я пщэ къыдилъхьам фIэкIаи яхузэфIэкIынукъым, аращ къикIыр: “Ла хьэулэ уэ ла къууэтэ Iилла бил-Лях“ псалъэм: “ЗэхъуэкIыныгъэри, лъэкIыныгъэри Алыхьым пыщIэжащ“.“. [115]-“ЖыдоIэ (абы и купщIэм теухуауэ): зыми Iэмал иIэкъым, зыми зыхуэгъэхъеинукъым, зыми Алыхьым жыIэмыдаIуэ хуэхъуныр къыхуэгъэнэнукъым Езы Алыхьым къадимыIыгъмэ; (абы ещхьу) Алыхьым едэIуэнри зыми хулъэкIынукъым, лъэ быдэкIи абы тетыфынукъым Езы Алыхьым къаримыгъэхъулIэмэ“.
Back to Top