“Iэгуауэншэ пшыхь“/ХьэIупэ ДжэбрэIил и тхылъым и лъэтеувэ
Iэгуауэншэ пшыхь
Слъэгъуа псори зэхэслъхьэжым,
ЩхъуакIэплъыкIэ пщIыхь
Къысщыхъужми, жысIэм пэжыр,
Iэгуауэншэ пшыхьщ.
Тхьэусыхэм нэхъ си жагъуэ
СыримыхьэлIа!
Лъэпкъ пшыналъэм щIиш шэщIыгъуэм
Хъуапсэр хэIулIат.
СхуэмыIуатэр музыкэбзэ
Щэхум езгъэзат,
Адыгэбзэм къыщIэж къуэпсыр
СлъэкIыху згъэкъэбзат.
Сыт сщIэжын ар слъэмыкIамэ?..
Къанэр - си гуэныхьщ.
ФIыт зэгуэр къыскIэлъыджамэ
Iэгуауэншэ пшыхь
ХьэIупэ ДжэбрэIил