Бемырзэ Мухьэдин и “Уадыгэным къик1ыр“ усэмк1э уэрэд
Бемырзэ Мухьэдин и “Уадыгэным къик1ыр“ усэмк1э уэрэд.
“Уадыгэным къик1ыр“
Адыгэу нобэ ущытыныр гугъущ,
Адыгэу нобэ упсэуныр хьэлъэщ.
Зэманыр жырри зыгъэщащэ гухъущ,-
Абы екъутэр ц1ыхум и щэн-хьэлыр.
Абы пэлъэщкъым лъэпкъми и къарур.
Игъащ1эк1э хабзэф1 зэрихьэгъахэр,
Зэхекъутэжри ди зэман ерум,
Хуэнщ1ей пэлъытэу яхепхъэжыр гъэхэм.
Адыгэ ц1ыхури мэхъу к1уэ пэтми жьгъей.
Хъанцэгу и къуршрэ и тенджызу псынэр,
Щхьэхуэф1 гухэлъым ар иронэщхъей,
Лъэпкъ к1уэд зэрыхъур имылъагъуу и нэм.
Ди щ1эблэр едэ1уэжкъым къэзылъхуам.
Еплъыжкъым ди ц1ыхубзхэм я нэмысым,
Фадэм и пщыл1ып1э зэрыхуам
Ди щ1алэхэр ехьыж, игъуэ нэмысу.
1ыхьлъыгъэр куэдым къызэрапщыр мылъку
Ц1ыху уасэр къызэрабжыр и лэжьап1эрщ,
1иманыншагъэр ямыщ1ыж емык1у,
Нэмыплъи хуамыщ1ыж зимы1эм напэ.
Ещ1ыфыр япэ къэсым хэутэн,
Лъэпкъыбзэу илъэс минхэм я уэсятыр,
Плъэмык1ыу бгъэшынэн е бгъэук1ытэн,
Адыгэ щ1ыхыр пф1ыхау